Разделы презентаций


Къущхьэ Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Анэ» рассказыр.

Зэрызэхэгъэувар: 1. Къущхьэ Сулът1ан и биографиер. 2. «Анэ» рассказыр.

Слайды и текст этой презентации

Слайд 1Адыгэ литературэмк1э презетацэ Темэр: Къущхьэ Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Анэ»

рассказыр.
Лэжьыгъэр зыгъэхьэзырар егъэджак1уэ Жырыкъ И. Д.

Адыгэ литературэмк1э презетацэ Темэр: Къущхьэ Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. «Анэ» рассказыр.Лэжьыгъэр зыгъэхьэзырар егъэджак1уэ Жырыкъ И.

Слайд 2Зэрызэхэгъэувар: 1. Къущхьэ Сулът1ан и биографиер. 2. «Анэ» рассказыр.

Зэрызэхэгъэувар: 1. Къущхьэ Сулът1ан и биографиер. 2. «Анэ» рассказыр.

Слайд 3Къущхьэ Сулът1ан Хьэпагуэ и къуэр, 1930 гъэм, Сэрмакъ(Бабыгуей) къуажэм къыщалъхуащ.

Школыр къиухри, Налшык дэт пединститутым щ1этысхьащ. Абы курсит1к1э щ1эсауэ, Москва

дэт Литературно институтым зригъэдзыжри, ар илъэсищым къриубыдэу къиухащ.
Къущхьэ Сулът1ан Хьэпагуэ и къуэр, 1930 гъэм, Сэрмакъ(Бабыгуей) къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиухри, Налшык дэт пединститутым щ1этысхьащ. Абы

Слайд 4Институт нэужьым къулыкъу зэмыл1эужьыгъуэхэм пэрытащ- журнэлисту, комсомол обкомым и секретару,

республикэм и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафэщ1у. Къигъэщ1а мащ1эм къриубыдэу хузэф1эк1ам

уеплъмэ, жып1э хъунущ, ц1ыху псэ къабзэу дунейм тета Сулът1ан къызэхэк1а лъэпкъым псэемыблэжу хуэлэжьэным игури и псэри ехьэл1ауэ псэуауэ.
Институт нэужьым къулыкъу зэмыл1эужьыгъуэхэм пэрытащ- журнэлисту, комсомол обкомым и секретару, республикэм и библиотекэ нэхъыщхьэм и унафэщ1у. Къигъэщ1а

Слайд 51958 гъэм къыдэк1ауэ щытащ абы и япэ рассказхэу “Механик”, “Шагъдиит1”,

“Пшагъуэ”, “Щ1ак1уэ щ1агъым” жыхуи1эхэр зэрыт тхылъыр, “Шагъдиит1ыр” щхьэхуэу урысыбзэк1э дунейм

къытехьащ. “1уащхьэмахуэ” журналым къытрадзат “Фаризэт”, “Анэ” рассказхэр. Пьесит1и итхащ Къущхьэм- “Хьэ бзаджэ т1ысып1эншэщ”,”Гъуэгу-щ1эм тетхэр” жыхуи1эхэр. Тхак1уэр дунейм ехыжа нэужь 1961 гъэм урысыбзэк1э къыдэк1ащ “Родня” повестыр.
1958 гъэм къыдэк1ауэ щытащ абы и япэ рассказхэу “Механик”, “Шагъдиит1”, “Пшагъуэ”, “Щ1ак1уэ щ1агъым” жыхуи1эхэр зэрыт тхылъыр, “Шагъдиит1ыр”

Слайд 6Аращ зыхунэсар, абы и бжыгъэр куэд хъуркъым, ауэ тхак1уэ щ1алэм

и гурыщ1э нэхук1э, 1эзагъэу бгъэдэлъымк1э узэщ1ауэ итха тхыгъэхэр адыгэ прозэм

мык1уэдыжыну хыхьащ. Сулът1ан къыщ1эна тхыгъэм щигъаф1эу щыта л1ыхъужьхэм я гъащ1эм и гъуазэу щытащ псэ къабзагъэр, ныбжьэгъугъэр, ц1ыхугъэр, дахагъэр.
Аращ зыхунэсар, абы и бжыгъэр куэд хъуркъым, ауэ тхак1уэ щ1алэм и гурыщ1э нэхук1э, 1эзагъэу бгъэдэлъымк1э узэщ1ауэ итха

Слайд 7Ар щытхэк1э и гулъытэр зэтар къэхъуа-къэщ1ахэр нэ1урыту, хэ1этык1ауэ къетхэк1ыжыныр аратэкъым,

ат1э зытетхыхь ц1ыхухэм я дуней тетык1эри, я 1уэхущ1афэри къызыпкърык1ыж я

хьэл - щэныр, я гурыгъу - гурыщ1эхэр, абыхэм яку къыдэхъуэ ф1эгъэнап1эхэр къызыхэк1 щхьэусыгъуэхэр узэщ1ауэ, пэжу, тхылъеджэм къабыл ящыхъуу къэгъэлъэгъуэнырт.
Ар щытхэк1э и гулъытэр зэтар къэхъуа-къэщ1ахэр нэ1урыту, хэ1этык1ауэ къетхэк1ыжыныр аратэкъым, ат1э зытетхыхь ц1ыхухэм я дуней тетык1эри, я

Слайд 8Къущхьэм ямылейуэ сюжет телъыджэ къигупсысыртэкъым. Ар зытетхыхь 1уэхугъуэхэри къызэрыгуэк1т. Ауэ

гущ1эм лъэ1эсу абы и тхыгъэм хэлът лирическэ гу хуабагъэ, гурыщ1э

нэху. Абы и щапхъэщ “Анэ” рассказри.
Къущхьэм ямылейуэ сюжет телъыджэ къигупсысыртэкъым. Ар зытетхыхь 1уэхугъуэхэри къызэрыгуэк1т. Ауэ гущ1эм лъэ1эсу абы и тхыгъэм хэлът лирическэ

Слайд 9“Анэ” рассказым и сюжетри псалъит1у пхужы1энущ: анэк1э узэджэнур сабийр къэзылъхуа

ц1ыхубзыр аракъым, ат1э къимылъхуами, сабийм гурыщ1э къабзэк1э анэ хуэхъуа хъыджэбз

ныбжьыщ1эрщ.
“Анэ” рассказым и сюжетри псалъит1у пхужы1энущ: анэк1э узэджэнур сабийр къэзылъхуа ц1ыхубзыр аракъым, ат1э къимылъхуами, сабийм гурыщ1э къабзэк1э

Слайд 10Зэ еплъыгъуэк1э ф1эщщ1ыгъуейщ зи ишэгъуэ хъуа къудей пщащэм иджыри зыхимыщ1а,

зыхунэмыса анэ гулъытэр, 1эф1ыгъэр зэф1эувэныр, ауэ мис ар уи ф1эщ

ищ1у, гук1и псэк1и ар къабыл пщищ1у Салимэ и образ гугъур, купщ1аф1эр зэриубзыхуфар аращ тхак1уэм бгъэдэлъ художественнэ 1эзагъэр гъуэзэджэу зыгъэнэ1уар.
Салимэ ябгъэдэбгъувэ хъунущ ди прозэм хэт ц1ыхубз телъыджэхэм я образ нэхъыф1хэм.
Зэ еплъыгъуэк1э ф1эщщ1ыгъуейщ зи ишэгъуэ хъуа къудей пщащэм иджыри зыхимыщ1а, зыхунэмыса анэ гулъытэр, 1эф1ыгъэр зэф1эувэныр, ауэ мис

Слайд 11Къэзгъэсэбэпа литературэр: 1.Бищ1о Б. Ч. « Адыгэ литературэ» 8 класс, учебник

хрестоматие. 2. «Iуащхьэмахуэ» журналыр. 3. «Адыгэ тхак1уэхэр»

Къэзгъэсэбэпа литературэр:  1.Бищ1о Б. Ч. « Адыгэ литературэ» 8 класс, учебник хрестоматие. 2. «Iуащхьэмахуэ» журналыр. 3.

Обратная связь

Если не удалось найти и скачать доклад-презентацию, Вы можете заказать его на нашем сайте. Мы постараемся найти нужный Вам материал и отправим по электронной почте. Не стесняйтесь обращаться к нам, если у вас возникли вопросы или пожелания:

Email: Нажмите что бы посмотреть 

Что такое TheSlide.ru?

Это сайт презентации, докладов, проектов в PowerPoint. Здесь удобно  хранить и делиться своими презентациями с другими пользователями.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика