Разделы презентаций


Общественно-политический деятель Кабарды Идар Темрюк.

Идар Темрыкъуэ и хъыбар Адыгэ тхыдэм увып1эшхуэ щеубыд Къэбэрдейм и общественно-политическэ лэжьак1уэ ц1эры1уэ Идар Темрыкъуэ. Абы 1уэхугъуэ пыухык1ахэр илэжьащ феодалхэм т1эк1у-т1эк1уу гуэшауэ я1эщ1элъ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэхъуным ик1и

Слайды и текст этой презентации

Слайд 1Нэгумэ шорэ и тхыгъэ « Идар темрыкъуэ и хъыбар»

- жыхуи1эм теухуа

Нэгумэ шорэ и тхыгъэ  « Идар темрыкъуэ и хъыбар» - жыхуи1эм теухуа

Слайд 2Идар Темрыкъуэ и хъыбар
Адыгэ тхыдэм увып1эшхуэ щеубыд Къэбэрдейм

и общественно-политическэ лэжьак1уэ ц1эры1уэ Идар Темрыкъуэ. Абы 1уэхугъуэ пыухык1ахэр илэжьащ

феодалхэм т1эк1у-т1эк1уу гуэшауэ я1эщ1элъ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэхъуным ик1и ХVI л1эщ1ыгъуэм икухэм военно-политическэ союз зэращ1ыл1эным хуэунэт1ауэ.
Идар Темрыкъуэ и л1эужьыр жыжьэ къыщожьэ – япэ адыгэпщ ц1эры1уэ Инал и къуэрылъхум и къуэм и къуэжщ. Жьэры1уатэ хъыбархэмрэ езым теухуэ уэрэдхэмрэ бэм и фейдэ зыхэлъхэм и телъхьэ ц1ыху 1ущу, зауэл1 хахуэу ар къыхощыж.

Идар Темрыкъуэ и хъыбар  Адыгэ тхыдэм увып1эшхуэ щеубыд Къэбэрдейм и общественно-политическэ лэжьак1уэ ц1эры1уэ Идар Темрыкъуэ. Абы

Слайд 3Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (1502-1571гъгъ.).

Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ (1502-1571гъгъ.).

Слайд 4 1550 гъэхэм къыщыщ1эдзауэ Темрыкъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ.

Абы тэмэму къилъытащ дунейм къэрал к1уэц1ми 1уэхур зэрыщыгугъур ик1и къыгуры1уащ

Урысейм хуэдэ ныбжьэгъу уимы1ауэ адыгэщ1хэр зэрыпхузэгуэмыгъэхьэжынур, тырку-кърымыдзэхэмрэ дагъыстан шамхалымрэ уазэрыпэщ1эмытыфынур. Темрыкъуэ теухуэ уэрэдхэм ящыщ зым щыже1э: «Къэбэрдейм ди зэхэзек1уэу, Арысейр къытхуэзыхутэр».
1557 гъэм, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ военнэ-политическэ союз зэрызэращ1ыл1эххэу, Идар Темрыкъуэ иужь йохьэ адыгэщ1хэр зэгуэгъэхьэжыным. Темрыкъуэ Москварэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ яхуи1э пыщ1эныгъэхэр нэхъри, быдащ ипхъу Гуащэней Иван Грознэм иша иужь (1561 гъэ).
1550 гъэхэм къыщыщ1эдзауэ Темрыкъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ. Абы тэмэму къилъытащ дунейм къэрал к1уэц1ми 1уэхур

Слайд 5Урыс пащтыхь гуащэ, Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ

(Мария – 1544-1569 гъгъ.).

Урыс пащтыхь гуащэ, Къэбэрдей пщы уэлий Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Мария – 1544-1569 гъгъ.).

Слайд 6 Урыс-адыгэ зэпыщ1эныгъэхэм зэрызаужьыр яф1эф1тэкъым тырку сулът1анми кърым хъанми. Абыхэм

я унафэк1э Темрыкъуэрэ абы и телъхьэхэмрэ я бийуэ нахуэу къэуващ

Къетыкъуэ Пщыапщокъуэрэ дагъыстан шамхалымрэ. Темрыкъуэрэ урысыдзэхэмрэ зэщ1ыгъуу ирагъэк1уэк1ащ зек1уэ зыбжанэ ик1и Пщыапщокъуэ Балъкърэ Бахъсэнрэ щы1эщ1элъ щ1ып1эхэр къазэуауэ щытащ.
Идар Темрыкъуэ, дагъыстан шамхалыр и ныкъуэкъуэгъу щхьэк1э, ныбжьэгъугъэ зэпыщ1эныгъэхэр Грузием хуи1эт. Апхуэдэу Кърым хъанымрэ абы и гуэгъу Нэгъуей Орда ц1ык1умрэ щезауэк1э, щ1эгъэкъуэн къищ1ырт Нэгъуей Орда иным и пщыхэр.
Урыс-адыгэ зэпыщ1эныгъэхэм зэрызаужьыр яф1эф1тэкъым тырку сулът1анми кърым хъанми. Абыхэм я унафэк1э Темрыкъуэрэ абы и телъхьэхэмрэ я

Слайд 7 Ипхъу нэхъыжьит1ыр – Алтынчачрэ Малхурубрэ нэгъуеипщхэу Бекбулатрэ Тинехматрэ я

щхьэгъусэт. Иужьк1э Бекбулатрэ Алтынчачрэ я къуэ Саин – Булатым, чыристэн

диныр къищта иужь Симеон Бекбулатович хъуам, «Россие псом и пщышхуэ» ц1эр п1алъэк1э къыф1ащауэ щытащ.
1560 гъэхэм Темрыкъуэ и жэрдэмк1э Тэрч и 1уфэм урыс быдап1эхэр щаухуащ. Абы Урысейм пыщ1эныгъэ хуа1эным и телъхьэу Къэбэрдейм щы1эхэм я 1уэхур игъэбыдэрт, к1элъыплъырт Кърымым къик1ыу Закавказьем к1уэ кавказ-ищхъэрэ гъуэгу нэхъыщхьэм Астрахань ящихъумэрт Тыркумрэ Кърымымрэ я дзэхэр къытеуэнк1э зэрыхъунум, сэбэп хуэхъурт урыс-грузин зэпыщ1эныгъэхэм зегъэужьыным.
Ипхъу нэхъыжьит1ыр – Алтынчачрэ Малхурубрэ нэгъуеипщхэу Бекбулатрэ Тинехматрэ я щхьэгъусэт. Иужьк1э Бекбулатрэ Алтынчачрэ я къуэ Саин

Слайд 8 Идар Темрыкъуэ иригъэк1эк1 къэрал к1уэц1, къэрал щ1ыб политикэм и

ф1ыщ1эк1э Къэбэрдейр нэхъ зэкъуэуващ, Кавказым щи1э пщ1эм хэхъуащ.
1570 гъэм

Темрыкъуэ зи пашэ адыгэдзэхэр кърым хъан Адиль-Гирей зытеуа абазэхэм ядэ1эпыкъуну к1ащ. Зэхэуэхэм я нэхъ гуащ1э дыдэм. Ахъупс и деж щек1уэк1ам, Темрыкъуэ къыщау1ащ, и къуит1ри –Мамсрыкъуэрэ Биберыкъуэрэ – гъэр щащ1ащ. А зауэр лъабжьэ хуэхъуащ XIX л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэхэм Нэгумэ Шорэ итхыжауэ щыта адыгэ уэрэдыжьым. 1571 гъэм къытехуа у1эгъэхэм Темрыкъуэ ил1ык1ащ. Уэрэдыжьым къыхощыж ар лъэпкъым и дежк1э гуауэшхуэу зэрыщытар: «Хахуэуэ ди пщыщхуэ палъэр, зэдилъмэ л1ыхъужьу щэджащэр ди1эжкъым».
Идар Темрыкъуэ иригъэк1эк1 къэрал к1уэц1, къэрал щ1ыб политикэм и ф1ыщ1эк1э Къэбэрдейр нэхъ зэкъуэуващ, Кавказым щи1э пщ1эм

Обратная связь

Если не удалось найти и скачать доклад-презентацию, Вы можете заказать его на нашем сайте. Мы постараемся найти нужный Вам материал и отправим по электронной почте. Не стесняйтесь обращаться к нам, если у вас возникли вопросы или пожелания:

Email: Нажмите что бы посмотреть 

Что такое TheSlide.ru?

Это сайт презентации, докладов, проектов в PowerPoint. Здесь удобно  хранить и делиться своими презентациями с другими пользователями.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика