Разделы презентаций


Гущэхэпхэ

Содержание

«Си бзэ, си псэ, си дуней».Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ зэхэухуэнауэ зэхэлъхьа .Анэдэлъхубзэм и пщ1эр, и дахэр зыгъэлъагъуэ 1уэхугъуэхэр.

Слайды и текст этой презентации

Слайд 1«Гущэхэпхэ».
Учитель кабардинского языка и литературы:Кожаева Фарида Массовна.
МОУ «СОШ №3»

г.п. Тэрч къалэ

«Гущэхэпхэ». Учитель кабардинского языка и литературы:Кожаева Фарида Массовна. МОУ «СОШ №3» г.п. Тэрч къалэ

Слайд 2«Си бзэ, си псэ, си дуней».
Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ зэхэухуэнауэ зэхэлъхьа .
Анэдэлъхубзэм

и пщ1эр, и дахэр зыгъэлъагъуэ 1уэхугъуэхэр.

«Си бзэ, си псэ, си дуней».Адыгэбзэмрэ хабзэмрэ зэхэухуэнауэ зэхэлъхьа .Анэдэлъхубзэм и пщ1эр, и дахэр зыгъэлъагъуэ 1уэхугъуэхэр.

Слайд 3Илъэс щэ бжыгьэ ипэк1э ди хэкум щыхьэщ1ахэм яф1этелъыджэу ятхыжу щытащ

адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъыр, гъэсэныгъэшхуэ зэрахэлъыр, абы нэмысышхуэ хуащ1у зэрыщытар.

Илъэс щэ бжыгьэ ипэк1э ди хэкум щыхьэщ1ахэм яф1этелъыджэу ятхыжу щытащ адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъыр, гъэсэныгъэшхуэ зэрахэлъыр, абы

Слайд 4Адыгэхэм щыпэлъхуу хъыджэбз я1э хъумэ, унагъуэр насыпыф1эу ябжырт, быным я

«нэхъыжьыр пхъууэ щытмэ, унэр зезыхьэм, сабий нэхъыщ1эхэм к1элъыплъым щ1эгъэкъуэныф1 игъуэтыну

ялъытэрт. Хъыджэбз ц1ык1у къызэрыхъуа унагъуэм къехъуэхъуну гъунэгъухэр, 1ыхьлы - благьэхэр къахуэк1уэрт, мыпхуэдэуи къехъуэхъурт:
«Фи насып нэхъыбэ ухъу, къыфхэхъуар псэбыдэ ухъу, щауэ гегъуатэ ухъу!»,- жа1эу.

Адыгэхэм щыпэлъхуу хъыджэбз я1э хъумэ, унагъуэр насыпыф1эу ябжырт, быным я «нэхъыжьыр пхъууэ щытмэ, унэр зезыхьэм, сабий нэхъыщ1эхэм

Слайд 5Хъыджэбз ц1ык1ур дунейм къызэрытехьэу бынжэпыупщ1 фызыр мыр жи1эу ехъуэхъурт:
«Насыпыф1э ухъу,

узыншэ ц1ык1у ухъу, хъыджэбз дахэ ухъу, уэ бдыр мыт1эп1у 1эпщ1элъапщ1э

ухъу, уи 1ущагък1э ц1ыхум уахэ1уэу ухъу, щ1алэф1 нат1э Алыхьым уищ1, сабий куэд Алыхьым къуит, къуэ бын - щэ бын ухъу!».

Хъыджэбз ц1ык1ур дунейм къызэрытехьэу бынжэпыупщ1 фызыр мыр жи1эу ехъуэхъурт:«Насыпыф1э ухъу, узыншэ ц1ык1у ухъу, хъыджэбз дахэ ухъу, уэ

Слайд 6Хъыджэбз ц1ык1ум благъэхэр зэрехъуэхъуу щытар.
Хъыджэбз ц1ык1у къыфхуалъхуар
Къарэкъэтинэу,
Бэрэт1инагъуэу,
Данагъуэ 1эпэу,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,
Шэнтым тесмэ

тхьэрыкъуэу,
Зиукъуэдиймэ аслъэну,
Аслъэн сокур и щхьэцу,
Щхьэцыдзэ к1ыхьу,
Хьэл – щэныф1эу,
Ф1ыгьуэ нат1эу,
Куэдрэ узыншэу


Тхьэм фхуигьэпсэу!

Хъыджэбз ц1ык1ум благъэхэр зэрехъуэхъуу щытар. Хъыджэбз ц1ык1у къыфхуалъхуарКъарэкъэтинэу,Бэрэт1инагъуэу,Данагъуэ 1эпэу,Щхьэцыпэ дыкъуакъуэу,Шэнтым тесмэ тхьэрыкъуэу,Зиукъуэдиймэ аслъэну,Аслъэн сокур и щхьэцу,Щхьэцыдзэ к1ыхьу,Хьэл

Слайд 7Сабийр япэ дыдэу гущэм хапхэн хуей щыхъур и бынжэ ц1ык1ур

гъуща нэужьт.
Сабийр япэ дыдэу гущэм хапхэн щыхъум деж, абы

дауэдапщэ ц1ык1у иращ1эк1ыу щытащ, гущэхэпхэк1э еджэу.

Сабийр япэ дыдэу гущэм хапхэн хуей щыхъур и бынжэ ц1ык1ур гъуща нэужьт. Сабийр япэ дыдэу гущэм хапхэн

Слайд 8Гущэхэпхэм ек1уал1эу щытахэр ц1ыхубзхэрат, ц1ыхухъухэр абы зык1и хэту щытакъым. Нысэм

и благъэхэр къак1уэрт, апхуэдэу кърихьэл1эрт абы и ныбжьэгъухэр, и гъунэгъухэр,

и 1ыхьлы - благъэхэр.

Гущэхэпхэм ек1уал1эу щытахэр ц1ыхубзхэрат, ц1ыхухъухэр абы зык1и хэту щытакъым. Нысэм и благъэхэр къак1уэрт, апхуэдэу кърихьэл1эрт абы и

Слайд 9Гущэм сабийр япэу хэзыпхэр ц1ыхубз нэхъ 1эк1уэлъак1уэу, быныф1эу щытрат. Гущэр

жылэм и ипщэ лъэныкъуэмк1э щытын хуейщ.
Сабийр хапхэн и пэк1э гущэм

джэду ирагьэт1ысхьэу щытащ, хапхэ хуэдэу ящ1у. Ар апхуэдэу ящ1мэ, сабийм и жейр быдэу, к1ыхьыу, езыри узыншэу щытыну ялъытэрт.

Гущэм сабийр япэу хэзыпхэр ц1ыхубз нэхъ 1эк1уэлъак1уэу, быныф1эу щытрат. Гущэр жылэм и ипщэ лъэныкъуэмк1э щытын хуейщ.Сабийр хапхэн

Слайд 10Гущэм щыхапхэк1э: «Быдзышэжейнок1уэрэ»,-жа1эу щытащ. Ит1анэ, ц1ыхубз хэзыпхэм, сабийм и анэр

адэк1э къыщыту, зэрыхэпхэн хуейр жыри1эрт.
Сабийм и 1ит1ыр къэпшэщ1ы1уауэ хыупхэмэ, пщэ

к1ыхь, пл1э гуэлэл хъунущ, и лъакъуэхэри аращ. Зэпшэл1ащэмэ, лъэгуажьэ к1энауэ хъунущ, бгъэт1асхъэми - лъакъуэ 1ушэщ. Абы щхьэк1э лъакъуэ зэхуаку ц1ык1ум пл1ащ1э – тхуащ1эу хъыдан щабэ дэгьэубыдэн хуейщ.

Гущэм щыхапхэк1э: «Быдзышэжейнок1уэрэ»,-жа1эу щытащ. Ит1анэ, ц1ыхубз хэзыпхэм, сабийм и анэр адэк1э къыщыту, зэрыхэпхэн хуейр жыри1эрт.Сабийм и 1ит1ыр

Слайд 111эмал зэри1эк1э сабийм и лъэтхьэмпэ ц1ык1уит1ым нэхъ шэщ1ауэ быдэу гущэ

хъыданыр ешэк1ын хуейщ. Абы ебгъасэмэ, сабийр лъэгудыгъуэ куу мэхъу. Зи

лъэгудыгъуэр куу ц1ык1ум зек1уэк1э дахэ и1эщ.
Сабийм и щхьэми хуэсакъын хуейщ. П1эщхьагъыр лъагэмэ, ар щхьэщ1э1ущ, п1эщхьагъыр лъахъшэмэ, щхьэ п1ащ1э мэхъур.

1эмал зэри1эк1э сабийм и лъэтхьэмпэ ц1ык1уит1ым нэхъ шэщ1ауэ быдэу гущэ хъыданыр ешэк1ын хуейщ. Абы ебгъасэмэ, сабийр лъэгудыгъуэ

Слайд 12Щыбгьашхэк1и зыщомыгъэгьупщэ: зы лъэныкъуэк1э ущыс зэпыту сабийм уи бгъэ ептмэ,

ар щхьэп1ащ1э хъунущ. Лъэныкъуит1ымк1и умыщхьэхыу ует1ысыл1эурэ гъэшхэн хуейщ, а псоми

ц1ыхур дахэ ещ1!
Хъыджэбз ц1ык1ум и 1эхэр щызэк1уэц1ахам деж е лэныстэ, е дэрбзэр 1эрык1 гуэр 1эщ1алъхьэрт, 1эпщ1элъапщ1э хъун папщ1э, щ1алэ ц1ык1ум къамэ е к1эрахъуэ 1эщ1алъхьэрт.

Щыбгьашхэк1и зыщомыгъэгьупщэ: зы лъэныкъуэк1э ущыс зэпыту сабийм уи бгъэ ептмэ, ар щхьэп1ащ1э хъунущ. Лъэныкъуит1ымк1и умыщхьэхыу ует1ысыл1эурэ гъэшхэн

Слайд 13Сабийхэм щхьэк1э ящ1э псоми мыхьэнэшхуэ дыдэ я1эт, абы гущэр къызыхащ1ык1

пхъэ нэгъунэ къызэрыхахыр хэту. Гущэр къыхащ1ык1ырт адыгэхэм пхъэ угъурлыуэ ялъытэхэм:
Бжейм,

жыгейм, уэздыгъейм, кхъужьейм, хьэмк1ут1ейм. Зэрыщыту хьэмк1ут1ейуэ яхуэмыщ1ми, гущэ къуапипл1р, абы шыкъу хъурейхэр ф1эсыжу пхъэ угъурлым къыхащ1ык1ырт. Гущэпс башыр, е гущащхьэ дэсэр хьэмк1ут1ейуэ зрагъэпэщырт.

Сабийхэм щхьэк1э ящ1э псоми мыхьэнэшхуэ дыдэ я1эт, абы гущэр къызыхащ1ык1 пхъэ нэгъунэ къызэрыхахыр хэту. Гущэр къыхащ1ык1ырт адыгэхэм

Слайд 14Ауэ езы адыгэ нысащ1э ц1ык1уми ищ1эн хуейщ куэнцап1э уэншэкум тыншу

сабий 1эпкълъэпкъыр хеушк1умп1ыхьри, зэрыпщ1а дыдэм хуэдэу тыншу мэжейр. Ауэ сабийр

гущэм къыщыхихым деж уэншэкум жьы щ1ригъэхун хуейщ. Ар зэпц1ыркъым, ауэ псыф хъуамэ гъуатэу мэ ищ1ынущ. Абы хуэсакъыпхъэщ.
Гущэм хэлъыр мыжеймэ, куэдрэ щыбгьэлъ мыхъуну ялъытэрт, - жьэн уз мыхъун щхьэк1э. Ц1ык1ур илъэс пщ1ондэ 1э лъэныкъуэк1э и нэк1ур егъэзыхауэ 1ыгъын хуейт, и пщэ къупщхьэмрэ и тхыц1эхэмрэ быдэ хъун папщ!э.
Ауэ хъыджэбз ц1ык1ухэм нэхъ хуэсакъырт: ахэр драдзей хъунутэкъым, бгъэк1ыл хъунутэкъым, нэхъ 1эщабэ - 1ущабэу е1эбын хуейщ, жа1эу щытащ.
Щ1алэ ц1ык1ухэр дэбдзей – къебдзых хъунут.

Ауэ езы адыгэ нысащ1э ц1ык1уми ищ1эн хуейщ куэнцап1э уэншэкум тыншу сабий 1эпкълъэпкъыр хеушк1умп1ыхьри, зэрыпщ1а дыдэм хуэдэу тыншу

Слайд 15Зэрытщ1эщи, гущэхэпхэм нэхъыбэу анэ щ1алэр щагъасэу щытащ.
Щ1алэ ц1ык1у и1этэкъым, хъыджэбз

ц1ык1у и1этэкъым, сабийм и щхьэкупц1апц1эм деж т1ат1ий хагъапщ1эрт, абы къик1т

а сабийм и щхьэкупц1апц1эм хуэсакъын зэрыхуейр.

Зэрытщ1эщи, гущэхэпхэм нэхъыбэу анэ щ1алэр щагъасэу щытащ.Щ1алэ ц1ык1у и1этэкъым, хъыджэбз ц1ык1у и1этэкъым, сабийм и щхьэкупц1апц1эм деж т1ат1ий

Слайд 16Гущэхэпхэм пыщ1а хабзэхэр зэф1эк1а нэужьк1э абы кърихьэл1а ц1ыхубзхэм ерыскъы 1энэ

къыхуащтэрт. Ахэр хъуахъуэрт сабиймрэ и анэмрэ я узыншагъэ, я насып

щхьэк1э. Сабийр щ1алэ ц1ык1умэ ар и адэм ирагъэщхьыпэмэ, а т1ур куэдрэ узыншэу зэдэпсэуну жа1эрти гущэхэпхэ зыхуащ1 щ1алэ ц1ык1ум и дзыгъуэ джанэр ягъэсырт, псоми ялъагъуу.

Гущэхэпхэм пыщ1а хабзэхэр зэф1эк1а нэужьк1э абы кърихьэл1а ц1ыхубзхэм ерыскъы 1энэ къыхуащтэрт. Ахэр хъуахъуэрт сабиймрэ и анэмрэ я

Слайд 17Иджы куэдрэ зэрытлъагъум хуэдэу, адыгэ бзылъхугъэ здэщыс 1энэм фадэ трагъэувэу

щытакъым. Зы лъэныкъуэк1э, ар нэмысым къыхэк1ырт, ауэ нэгъуэщ1у уеплъымэ, же1эр

Маф1эдз Сэрэбий, армырауэ п1эрэт, адыгэ лъэпкъым щ1эблэ нэхъ узыншэ къыдэхъууэ зэрыщытам и щхьэусыгъуэр.
1энэ лъакъуищым тетт: джэдлыбжьэ, гуэгушыл, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, 1эф1ык1эхэр.

Иджы куэдрэ зэрытлъагъум хуэдэу, адыгэ бзылъхугъэ здэщыс 1энэм фадэ трагъэувэу щытакъым. Зы лъэныкъуэк1э, ар нэмысым къыхэк1ырт, ауэ

Слайд 18Аращ, к1эщ1у ук1уэц1рык1мэ, пщащэ ц1ык1ум къык1элъек1уэк1 хабзэу япэ дауэдапщэр зэрыхъур.

Аращ, к1эщ1у ук1уэц1рык1мэ, пщащэ ц1ык1ум къык1элъек1уэк1 хабзэу япэ дауэдапщэр зэрыхъур.

Слайд 19Кулиев Къайсын.
Щы1эу къыщ1эк1ынкъым сабий гущэ,
Анэм щ1игъэхъаем нэхъ тынш.
Маблэ маф1эр 1эджэк1э

нэхъ гуащ1эу,
Анэм щызэщ1игъэстам и деж.

Къэбгъуэтын, и1ыгъыу уи гущэкъур,
Анэм къыбжи1эм нэхъ

уэрэдыф1?
Пшхауэ п1эрэ уэ зэгуэрым щ1акхъуэ,
Анэм пхуигъэжьам нэхърэ нэхъ 1эф1?

Къе1усэ нэхъ хуабэ уэ уи щ1ыфэм
Анэм пхуиду джанэ щыпт1эгъам?
Гъащ1эм хэтыр махуэ насыпыф1эу –
Анэр, къоубзэрабзэу, щыпщ1ыгъуарщ.
Кулиев Къайсын.Щы1эу къыщ1эк1ынкъым сабий гущэ,Анэм щ1игъэхъаем нэхъ тынш.Маблэ маф1эр 1эджэк1э нэхъ гуащ1эу,Анэм щызэщ1игъэстам и деж.Къэбгъуэтын, и1ыгъыу уи

Слайд 20Гъазэ дэнк1и- Къе1эу уи гукъуэпсхэм, Анэ псалъэ къабзэр къыбохьэк1. Мо къуршыщхьэ уэсри дыгъэ

къепсри Анэм и псэ нэхум йофэгъуэк1. Щ1ылъэм теткъым анэм нэхъ гумахэ, Щ1ылъэм теткъым

анэм нэхъ бэшэч. Анэр, нурыр къыщхьэщихыу, дахэщ…- Къытомыхьэ уэ абыхэм шэч. Анэм и быдзышэр уэрк1э лъап1эщ, Уигу ихункъым – илъэс мини псэу! Анэм и 1эм хуэдэу щабэ. Гуапэ 1э къытебгъуэтэнкъым тдуней псом!
Гъазэ дэнк1и- Къе1эу уи гукъуэпсхэм, Анэ псалъэ къабзэр къыбохьэк1. Мо къуршыщхьэ уэсри дыгъэ къепсри Анэм и псэ

Слайд 21Быным папщ1э гузэвэгъуэу и1эр Хэлъщ гущэкъу уэрэду анэм жи1эм. Анэм и псэм

япэ зы пемыжьэ Зиудыгъуауэ пабжьэм хэт дыгъужьым. Ехьыр анэм жэщ шынагъуэм

хэплъэу, Дотхъу и щхьэцыр и псэм хьэзаб телъым. … Зауэу дапщэ къыщыхъейми щ1ыгум – Шэуэ хъуар зытехуэр анэм и гурщ.
Быным папщ1э гузэвэгъуэу и1эр Хэлъщ гущэкъу уэрэду анэм жи1эм. Анэм и псэм япэ зы пемыжьэ Зиудыгъуауэ пабжьэм

Слайд 22Ет1энэгъэ ф1ык1э псори Тхьэм дынигъэсхэ, лъэтеувэм дыщызрихьэл1энщ!
Тхьэм фигьэпсэу!

Ет1энэгъэ ф1ык1э псори Тхьэм дынигъэсхэ, лъэтеувэм дыщызрихьэл1энщ!   Тхьэм фигьэпсэу!

Обратная связь

Если не удалось найти и скачать доклад-презентацию, Вы можете заказать его на нашем сайте. Мы постараемся найти нужный Вам материал и отправим по электронной почте. Не стесняйтесь обращаться к нам, если у вас возникли вопросы или пожелания:

Email: Нажмите что бы посмотреть 

Что такое TheSlide.ru?

Это сайт презентации, докладов, проектов в PowerPoint. Здесь удобно  хранить и делиться своими презентациями с другими пользователями.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика