Разделы презентаций


Учебно-методическая разработка "Си Хэку"

Содержание

Си Хэку

Слайды и текст этой презентации

Слайд 1Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба

Учителя первой категории

Хамуковой Мадины Хабасовны

Учебно-методическая разработка

Учебно-методическая разработкаМОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба           Учителя

Слайд 2Си Хэку

Си Хэку

Слайд 3Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр

зи лъэпкъ напэу
АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.

Къанкъул ФIыцIэ.
Эпиграф Узолъагъур си псэм хуэдэу, Къэбэрдейуэ нартыжь хэку, Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.

Слайд 4Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым,

дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ

щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.




Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.Мурадыр:Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;Усак1уэм и

Слайд 51. Литературнэ дакъикъэ.

Щомахуэ

А. «Ди Хэкур».

Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.

1. Литературнэ дакъикъэ.

Слайд 62. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым

Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и

быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ

Слайд 73. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ,

урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур

къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжьУи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.Хэти езым и Хэкур

Слайд 8Адыгэ литературэ
3 - нэ класс
КIуащ БетIал "СИ ХЭКУ"

Адыгэ литературэ 3 - нэ классКIуащ  БетIал

Слайд 9 КIуащ БетIал и

хронологическэ таблицэ

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ

Слайд 10 4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Къыр таж -

жыр мывэ блын лъагэ
Къунан - илъэсищым ит

шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

4. Словарнэ лэжьыгъэ:   Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ   Къунан

Слайд 11Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ

нэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр!

Слайд 12Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи

Есэнт1ыгу.

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.

Слайд 13Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр

пхуагъэхъей.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.

Слайд 14Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Слайд 15Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Слайд 16Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.

Слайд 17Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу

уощ1 1эрып1.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,  Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.

Слайд 18Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.

Слайд 19Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым

гуэн!

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!

Слайд 20Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор,

щогъуэтыр домбеякъ.

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,   Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Слайд 21Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.

Слайд 22Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм

тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Слайд 23Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.

Слайд 24Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ

щ1ы Къэбэрдей!

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,  Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Слайд 25Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.

Слайд 26Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,

Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,   Уи теплъэм 1эф1 ещ1

Слайд 276. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар

къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.

6. Яджар егъэбыдыл1эн:Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;Дызыгъэгуф1эр;Дызэрыгушхуэр;Дызэрыпагэр.

Слайд 28« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из

мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр

вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Зэгъэпщэныгъэхэр:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»«Къэхъугъэм и епэр»«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ, «Жьак1ацэу щхьэмыж

Слайд 29«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр

уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ

блынхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр:

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»«Уи ныджэм щопIейтей»«Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».«1уащхьэмахуэ плъыр

Слайд 30«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».



Эпитетхэр:

«Дыщэ губгъуэ»«Псы 1элхэр»«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»«ЩIыпIэ дэгухэм»«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».		Эпитетхэр:

Слайд 31Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Слайд 32Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Слайд 33Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Слайд 347. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей

хъумэ, къыщхьэщыжын


8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

7. Урокым и итог:Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

Слайд 35узыншэу фыщытхэ.

узыншэу фыщытхэ.

Обратная связь

Если не удалось найти и скачать доклад-презентацию, Вы можете заказать его на нашем сайте. Мы постараемся найти нужный Вам материал и отправим по электронной почте. Не стесняйтесь обращаться к нам, если у вас возникли вопросы или пожелания:

Email: Нажмите что бы посмотреть 

Что такое TheSlide.ru?

Это сайт презентации, докладов, проектов в PowerPoint. Здесь удобно  хранить и делиться своими презентациями с другими пользователями.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика