Разделы презентаций


Адыгэ фащэ

Пасэрей адыгэхэм зэрахьа фащэр. Абы щыхьэт техъуэхэр. Лабэ деж къыщагъуэта кхъэлъахэм къи1уэтахэр.Касогхэмрэ зиххэмрэ я фащэм тетхыхьахэм

Слайды и текст этой презентации

Слайд 1АДЫГЭ ФАЩЭ.

Щыгъыным ц1ыхур егъэщ1эращ1э,
акъылым

егъэдахэ.
Адыгэ псалъэжь.
АДЫГЭ ФАЩЭ.            Щыгъыным ц1ыхур егъэщ1эращ1э,

Слайд 2
Пасэрей адыгэхэм зэрахьа фащэр. Абы щыхьэт техъуэхэр. Лабэ деж къыщагъуэта

кхъэлъахэм къи1уэтахэр.
Касогхэмрэ зиххэмрэ я фащэм тетхыхьахэм

ятхахэр.
Иджырей «адыгэ фащэк1э» дызэджэр къыщежьар.
Афэ псалъэр къызытек1ар, адыгэ афэ джанэхэр зэригуэшыр.
Ц1ыхухъу фащэм хыхьэхэр, ц1ыхубз фащэм хыхьэхэр.
Адыгэ фащэр зыщта лъэпкъхэр.
Адыгэ фащэм и нобэр.
Темэм теухуа псалъэжьхэр, абыхэм я мыхьэнэхэр.
К1эрашэ Т. и «Шу закъуэ» романым щыщ пычыгъуэ «Уэркъ пщащэхэр».
Хамэ лъэпкъхэм ди фащэм къыхужа1ахэр.

Пасэрей адыгэхэм зэрахьа фащэр. Абы щыхьэт техъуэхэр. Лабэ деж къыщагъуэта кхъэлъахэм къи1уэтахэр.Касогхэмрэ зиххэмрэ я фащэм тетхыхьахэм

Слайд 3-Пасэрей адыгэхэм зэрахьа фащэр. Абы щыхьэт техъуэхэр. Лабэ деж къыщагъуэта

кхъэлъахэм къи1уэтахэр.
1896 гъэм ижь-ижьыж Кеп и гъунэгъуу явэжа 1уащхьэжьым къыщагъуэтауэ

щытащ кхъэлъахэ хьэлэмэтхэр. Щ1ым къыщ1агъэщыжа мывэхэм ц1ыху сурэтхэр тетт, я лъэгуажьэм нэсу щ1ауэ.
1963 гъэм урыс щ1эныгъэл1 Сокольский Н.И. зи унафэщ1 археологие экспедицэм къагъуэтащ адыгэхэм пасэм щыгъуэ зэрахьа фащэм и сурэт тету синд л1ыжьымрэ зауэл1 ныбжьыщ1эмрэ. А экспедицэ дыдэм къыщагъуэтащ Ахътэныз хы дэлъэдап1эм деж унэ лъабжьэхэр. Зэрыхуагъэфащэмк1э, ахэр ящ1ауэ щытащ ди лъэхъэнэм ипэк1э I л1.

-Пасэрей адыгэхэм зэрахьа фащэр. Абы щыхьэт техъуэхэр. Лабэ деж къыщагъуэта кхъэлъахэм къи1уэтахэр.1896 гъэм ижь-ижьыж Кеп и гъунэгъуу

Слайд 4 Синд л1ыжьымрэ

щ1алэмрэ я щыгъынхэр.
Л1ыжьымрэ щ1алэмрэ я сурэтыр къыхэщ1ык1ат

мывэ сэхум. Л1ыжьым щыгът: джанэ,1эгъуапэ к1ыхь мыбыхъуу пыту, и пщэр къихауэ, къэдыхьауэ; тепхъуэ (плащ), зэхуэлъэфэсып1э куэд и1эу, щ1ы1урэ щ1ы1унэрэ зэри1эри хыболъэгъук1; пы1э лъагэ. Зэ 1уплъэгъуэк1э 1эщэ зэри1ыгъыр къапщ1экъым, ауэ уеплъыпэмэ, абыи гу лъыботэ.
Щ1алэм и щыгъынхэр: а л1ыжьым щыгъ джанэм хуэдэщ и джанэр, и тепхъуэм ещхьщ, пы1э лъагэри щхьэрыгъщ. И 1э ижьымк1э джатэ 1эпщэр екъуз, 1э сэмэгум шабзэмрэ шабзэшит1рэ 1эщ1элъщ. Джанэм и к1эр гъущ1ык1э зытебза к1эпхын хуэдэу еух, бгырыпхит1 щ1элъщ – ищхьэмк1э щы1эр нэхъ бгъузэщ, ищ1агъымк1э – нэхъ бгъуэщ. Пы1эм къолэлэх пщэдыкъыр, тхьэк1умэхэр щ1эзыхъумэ пыдэхэр. Щ1алэм и фащэми и 1эщэхэми хыболъагъуэ нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я хуэмэбжьымэ: джанэк1эр алыджхэм ещхьщ, бгырыпх бгъэшхуэр – скифхэм, пы1эр – синд т1орысэхэм, джатэр – мэуэтхэм (ди лъ. ипэк1э 3 л1.), шабзэхэр – щэрмэтхэм (сарматы).
Синд л1ыжьымрэ      щ1алэмрэ я щыгъынхэр.Л1ыжьымрэ

Слайд 5 Иджырей «адыгэ фащэк1э»

дызэджэр къыщежьар.

Адыгэ фащэм зэф1эувэн щ1идзащ 6-нэ л1. Ар тохуэ

алыджхэмрэ византийцхэмрэ адыгэхэм нэхъри пэгъунэгъу хъууэ чыристан диныр къащтэу щыщ1адзам.
Адыгэ фащэр и лъэ щытеувэпар 18-19 л1эщ1ыгъуэхэрщ.
Щыгъынхэр нэхъ хъума хъуауэ къыщагъуэтыжар Лабэ къыхэхуэж Балкэ псы ц1ык1ум дежщ.
Иджырей «адыгэ фащэк1э»       дызэджэр къыщежьар.

Слайд 6

Адыгэ фащэ щы1ахэр.

Адыгэ фащэ щы1ахэр.

Слайд 7Афэ псалъэр къызытек1ар, адыгэ афэ джанэхэр зэригуэшыр.
«Афэ» псалъэр къытек1ауэ ялъытэ

«1эфэм» - 1эщым и фэм. Тхьэгъу зэрыдзахэр къемыжьэ щ1ык1э, зауэл1хэм

зэрызахъумэ джанэ 1увыр къыхащ1ыу щытащ 1эщышхуэм и фэм.
Афэ джанэхэр егуэш:
къызэрык1уэ афэ
афэху – дыжьын зытегъэлъэда
щ1эрэщ1ауэ (чэрэчауэ) –нэхъыф1 дыдэщ, быдэ дыдэщ, т1ууэ зэтелъщ, хьэлъэ дыдэщ.
Афэ псалъэр къызытек1ар, адыгэ афэ джанэхэр зэригуэшыр.«Афэ» псалъэр къытек1ауэ ялъытэ «1эфэм» - 1эщым и фэм. Тхьэгъу зэрыдзахэр

Слайд 8 Ц1ыхухъу фащэм хыхьэхэр,

ц1ыхубз фащэм хыхьэхэр.
Щ1агъщ1элъ, къэптал, цей, джанэ, гъуэншэдж, бгырыпх,

хъурыфэ е упщ1э пы1э, лъей, лъахъстэн вакъэ, шырыкъу лъапщэ к1ыхь, джэдыгу зэхуэмыдэхэр, щ1ак1уэ.
Ц1ыхухъу фащэм хыхьэу щытащ афэм къыхэщ1ык1а нэ1урыдзэри, афэ 1элъэхэри, лъэгуажьэтелъхэри.

Щ1агъщ1элъ, джанэ, бгырыпх телъу бостей, гъуэншэдж, т1ууэ зэгуэк1ыу, шырыкъу, пы1э лъагэ, джэдыгу, хъурыфэм, бажафэм, дзыдзафэм къыхэщ1ык1ахэу.
Ц1ыхубз щыгъынхэр къыхэщ1ык1ат данэм, шылэм, дарийм.

Ц1ыхухъу фащэм хыхьэхэр,          ц1ыхубз фащэм хыхьэхэр.Щ1агъщ1элъ, къэптал,

Слайд 918-19 л1. щы1а фащэхэр.

18-19 л1. щы1а фащэхэр.

Слайд 10 Касогхэмрэ зиххэмрэ я фащэм тетхыхьахэм ятхахэр.
«Хьэпшэпхэр ахэм

къыхуашэ Трапезунд къик1 кхъухьхэм, езыхэм я лъэныкъуэми йок1 кхъухьхэр… Кашакхэм

ящ1 щэк1хэр псом нэхърэ нэхъ ц1эры1уэщ», - етх 10 л1. псэуа хьэрып щ1эныгъэл1 Масуди.
«Адыгэ бзылъхугъэхэм я щыгъынхэр къыхащ1ык1 щэк1 хужьым, рум дарийм, щэк1 плъыжьыбзэм, нэгъуэщ1 дарий лъэпкъхэм, дыщэ идэк1э щ1эгъэнауэ», - етх Масуди.
Касогхэмрэ зиххэмрэ  я фащэм тетхыхьахэм ятхахэр.«Хьэпшэпхэр ахэм къыхуашэ Трапезунд къик1 кхъухьхэм, езыхэм

Слайд 11


Бын зи1э бзылъхугъэм и

фащэ.

Хъыджэбз дэсым и фащэ. Зэрашэрэ илъэс иримыкъуа
нысащ1эм и фащэ.

Бын

Слайд 12 Адыгэ фащэм теухуауэ.
Адыгэ фащэм «черкескэк1э» еджэу урысыбзэм щыхыхьар 1861

гъэм ноябрым и 27-щ, Зауэмк1э Урысей Министерствэм унафэ къыдигъэк1а нэужьщ.
1828

гъэм адыгэ фащэр къазакъхэм ящтащ. Кавказ линием и генерал-лейтенант Эмануэль къазакъхэм я фащэ зэхэтхъуар хуэмышэчыжу, псоми адыгэ фащэ зэрахьэну унафэ ищ1ащ.
1831 гъ. урыс пащтыхь Александр II-м абы 1э щ1идзащ.
Адыгэ фащэм теухуауэ.Адыгэ фащэм «черкескэк1э» еджэу урысыбзэм щыхыхьар 1861 гъэм ноябрым и 27-щ, Зауэмк1э Урысей

Слайд 13 Фащэм теухуа псалъэжьхэр.
Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.
Фащэм я

нэхъ дахэр ук1ытэщ.
Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ.
Дахагъэр зэк1ужщи,

зэк1ужыр
фащэщ.


Фащэм теухуа псалъэжьхэр.Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи

Слайд 14Дуней хъурейм яф1этелъыджэ адыгэ фащэр иджы къызыхуэнэжар къэфак1уэ гупхэмрэ музейхэмрэщ.

Дуней хъурейм яф1этелъыджэ адыгэ фащэр иджы къызыхуэнэжар къэфак1уэ гупхэмрэ музейхэмрэщ.

Обратная связь

Если не удалось найти и скачать доклад-презентацию, Вы можете заказать его на нашем сайте. Мы постараемся найти нужный Вам материал и отправим по электронной почте. Не стесняйтесь обращаться к нам, если у вас возникли вопросы или пожелания:

Email: Нажмите что бы посмотреть 

Что такое TheSlide.ru?

Это сайт презентации, докладов, проектов в PowerPoint. Здесь удобно  хранить и делиться своими презентациями с другими пользователями.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика