Слайд 1Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.
Слайд 2Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ.
(Нало З.)
Слайд 3Мастер-классым и темэр:
«Псэм и пэ- напэ.»
Слайд 4Мастер-классым и мурадхэр:
1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;
2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм
гъэсэныгъэ хэлъхьэн;
3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;
4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.
Слайд 5- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
- Напэ къабзэ
-
Уафэ къабзэ
- Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ
Слайд 6Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм
хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.
Слайд 7Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи напэ
къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зиIэм лIыгъэ
хэлъщ.
Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
Е улIын, е улIэн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
ИкIута из хъужыркъым
Слайд 8-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
СУхуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну сэ
си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Напэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ сымыпсэум
1ых
ухуейм , мылъкуу си1эр.
Слайд 9ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.
Слайд 10Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и хьэдэр
дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм хухалъхьащ.
Слайд 11Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи
напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм
л1ыгъэ хэлъщ.
Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
Е ул1ын, е ул1эн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
Ик1ута из хъужыркъым
Слайд 12Бзэм зегъэужьын:
Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,
къыщалъхуам
щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху
Слайд 13Какие б ни грозили горести,
И где бы ни ждала беда,
Не
поступайся только совестью,
Ни днем, ни ночью, никогда!
Слайд 14Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей -
Си
лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.
Елгъэр Кашиф.
Слайд 15Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы уи
1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.
К1уащ Бет1ал.
Слайд 16«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ.
Хуэсакъ напэм. Аращ
псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»
Слайд 17«…Напэр - лъапIэщ,
Напэр сытми япэщ!...»
(Жылэтеж Сэлэдин)
Слайд 18«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым
псэри гури
Къуитыфынущ япэ!...»
(Жылэтеж Сэлэдин)
Слайд 19 Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.
Слайд 20Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.
Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи напэр
темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!